ЩоджэнцIыкIу Алийрэ тхыдэмрэ литературэмрэ я зыужьыкIэмрэ» — а цIэр зэрехьэ усакIуэр къыщалъхуа жэпуэгъуэм и 28-м ирихьэлIэу дунейм къытехьа лэжьыгъэщIэм.
ТхылъыщIэр дэIэпыкъуэгъу мэхъу усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр нэхъ нэгъэсауэ къыбгурыIуэнымкIэ, езым и шыфэлIыфэри, и хъэтIым и щэхухэри къыуегъэцIыху.
Тхылъым ихуа лэжьыгъэхэр зытха, филологие щIэныгъэхэм я доктор-хэу ХьэкIуащэ Мадинэрэ Тхьэгъэзит Юрэрэ пэублэм щыжаIэ: «Зэчииш-хуэ зыбгъэдэлъа адыгэ усакIуэшхуэм и IэдакъэщIэкIхэм нэгъуэщIынэкIэ дыщеплъыпхъэ, къеджэкIэщIэкIэ дыщыбгъэдыхьапхъэ чэзур къэсащ.
Тхылъыр Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ.
Къызыхэтхыгъэр: Адыгэ псалъэ
Comments
Post a Comment