Къэбэртае Конгресс хасэм Гъуашъо Русльан фэшIыкIэ джэпсалъэ къышIыгъ


Мэкъуауэгъуэм и 3-м, 2017 гъэм, "Къэбэрдей конгресс" жылагъуэ зэгуэтым и хасащхьэр зэхуэсащ игъуэншэ зэхэсым.

Абы и щхьэусыгъуэ хъуар Адыгэ хэкум и къухьэпIэм-Шапсыгъым къикIа Iуэху мыхъу-мыщIэм и зэпкъырыхынырщ. КъызэрыщIэкIымкIэ - нэкъыгъэм и 2I, адыгэ лъэпкъым и щыгъуэ махуэм ТхьэщIагъ жыгым и лъабжъэ щыгъуэ-щIэж махуэр ирагъэкIуэкIыну, урыс-адыгэ зауэм зи псэ зытахэм Тхьэм хуелъэIуну зэхуэса адыгэхэм щыщу Гъуафэ Русланырэ Басто Айдамырырэ къэралым и хабзэхъумэхэм тезыр тралъхьащ - къэрал хабзэм къигъэув гуп зэхэшэкIэ щытыкIэм фебэкъуащ жаIэри .

Хасащхьэм унафэ къищтащ зы гуп игъакIуэу Шапсыгъым Iуэхур яплъэкIуну, абы къыщынэмыщIа - Урысей федерацэмрэ, Краснодар фэлъырымрэ я тхьэмадэхэми я къулыкъущIэ мыхуэдэ Iуэхухэр зи пщэ дэлъхэм зыхуагъэзэну - хуэфащэ еплъыкIи иратыну мы къэхъуам.

Шапсыгъым ежъа гупыр, Ахъуэхъу Анзор я пашэу, ШэхэкIей нэмысу иIэ Магри къуажэм и деж полисхэм къагъэувыIащ. Я паспортхэмрэ адрей документхэмрэ яплъэкIуа иужъ, Ахъуэхъум къеупщIахэщ - Уэ ухэт лъэпкъкIэ - жаIэу. Сы-адыгэщ жиIэри жэуап яритыжащ. Абы иужъ щIадзэри, сыхьэт зыбжанэкIэ къалъытащ и документхэр, езыми напэтехыу хуэмыфащэ къыкIэлъызырахьащ - и Iэпэтхыпхъэхэм нэгъунэ сурэт тырахащ. А псом иужъкIэ къыжыраIащ - Уэ Щачэ Iэшэлъашэм ущыIэныуи ублэкIынуи хуитыныгъэ уиIэкъым, ар къуатын папщIэ зэман куэд ухуейщ.....

Ахуэдэу Iуэхум зыкъыщызэридзэкIым, хасащхьэм къечэнджэщхэри, гупым унафэ къащтащ къагъэзэжыну. Хасащхьэри зэгурыIуащ , мы къэхъуахэм теухуауэ документ игъэхьэзырхэм зыхуей зэхъуэкIыныгъэхэр хагъэзэгъэжыу яутIыпщыну. Абыхэми иужъкIэ щыгъуазэ фытщIынщ.

"Къэбэрдей конгресс" хасэм и хасащхьэм и цIэкIэ

Бещто Аслъэн


Къалэу Черкесск щызэфэзагъэх, сэмэгумкIэ: Къэрэщай-Черкес Республикэм ит Адыгэ хасэм итхьэматэу Аслъан Алый, Къэбэртае-Бэлкъар Республикэм ит Къэбэртае Конгрессым итхьэматэу Бищто Аслъан, Къэрэщай-Черкес Республикэм ит ныбжьыкIэ Адыгэ хасэм итхьэматэу Жыу Темур


Comments