Адыгэбзэ Хасэр интернетымкӀэ лэжьэну

ПщӀэ зыхуэтщӀ Адыгэ жылэ!

ХьэтӀохъущокъуэ Къазий и цӀэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и лэжьыгъэр дунейм и щытыкӀэм елъытауэ зэблимыхъуу хъуркъым. Лэжьыгъэр къэмыувыӀэн, анэдэлъхубзэм, адыгэ литературэм, лъэпкъ тхыдэм теухуауэ едгъэкӀуэкӀ Ӏуэхугъуэхэр щӀэмыужьыхэн папщӀэ, щӀэблэм пэӀудзауэ, интернет Ӏэмалхэр хэлъу, дадэлэжьэну тедухуащ. Адыгэбзэ Хасэм едгъэкӀуэкӀ зэпеуэхэмрэ зэхьэзэхуэхэмрэ я нэхъыбэр утыкушхуэм щедгъэкӀуэкӀыу щытамэ, мызыгъуэгум ахэр щхьэж и щӀыпӀэрэ и еджапӀэрэ щызэхашэу, иужькӀэ видео техауэ къытӀэрагъэхьэжу Ӏуэхур дгъэпсыныр щыӀэ хэкӀыпӀэхэм я нэхъыфӀу къэтлъытащ.

Адыгэбзэ Хасэр зэрылэжьэну планыр хьэзырщ. Ар адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкӀэ егъэджакӀуэхэм ялъэдгъэӀэсынущ, Ӏуэхугъуэу дызыпэрыхьэнухэми я къызэгъэпыщыкӀэ хъунум епха Хабзэхэри яӀэщӀэдгъэхьэнущ. ЩӀэблэм и сэнаущыгъэрэ и Ӏущагъ псори къыщагъэлъэгъуэну дызыщыгугъ а зэпеуэхэр, зэхьэзэхуэхэр, онлайн-зэӀущӀэхэр зэредгъэкӀуэкӀыну щӀыкӀэхэм Адыгэбзэ Хасэм и лэжьыгъэм къыкӀэлъыплъхэми фи пащхьэ идолъхьэ, фыщыгъуэзэн, екӀуэкӀыр фщӀэн папщӀэ!

Дызытет дунейм фӀы и лъэныкъуэкӀэ зыкъигъазэу хуиту зэхыхьэжын, щӀэблэми гупсэхуу ядэлэжьэн лъэпкъ щӀэх Тхьэм дищӀыж!

1. Лъэпкъхэм я лӀакъуэ жыгхэр зэхэгъэувэным теухуауэ Къып Мэхьмуд и цӀэкӀэ зэхашэ «ЛIакъуэеджэ» дунейпсо щӀэныгъэ-узэщӀакӀуэ зэпеуэр зэрекӀуэкӀынум и Хабзэр

2. "Ӏуэрсэр" усэраджэ зэпеуэр зэрекӀуэкӀыну щӀыкӀэм и Хабзэр: 

3. "ЩӀэнхабзэЛъахэ" къэхутэныгъэ зэпеуэр зэрекӀуэкӀыну щӀыкӀэм и Хабзэр:

4. "Усэпсэ" усэраджэ зэпеуэр зэрекӀуэкӀыну щӀыкӀэм и Хабзэр:

5. ЩӀалэгъуалэ театрыр зэрекӀуэкӀыну щӀыкӀэм и Хабзэр:

6. ЩӀэныгъэщӀэкъухэм я "Жыжьаплъэ" зэпеуэр зэрекӀуэкӀыну щӀыкӀэм и Хабзэр:

7. "ЦӀыкӀураш" цӀыкӀу гъэлъэгъуэныгъэр зэрекӀуэкӀыну щӀыкӀэм и Хабзэр:

8. "Джэгурэш" гушыӀэ джэгу-зэпеуэр зэрекӀуэкӀыну щӀыкӀэм и Хабзэр:

Адыгэбзэ хасэм инэкӀубгъо: facebook.com



Comments